-
1 пхъэ
1. лес ( как стройматериал)/ Псэуалъэ, пхъащхьэ къыхахыну паупщIа жыг.Пхъэр зэгуэхын.* Пхъэ зыIущIым къуэщIий егъуэт. (погов.)2. дрова/ Гъэсын хьисэпу паупщIа, якъута жыг.* Пхъэр зэпыхын. Пхъэр сымэ, Iугъуэ пех. (погов.)Пхъэ зэгуэгъэзам дэгъэплъын укротить, заставить подчиниться кого-л.Пхъэ идзэн устроить жеребёвку, бросить жребий. Пхъэ ирадзэри абы и пхъэркъикIащ.Пхъэ зэтеупщIэн изготовить, сделать сруб. {И} пхъэ къикIын 1) повезти кому-л. 2) выиграть по жребию.* Зи пхъэ къикIар зи кIапэкIэ ягъэуври къыкIэлъикIыр кIэлъагъэувурэ ягуэш. фольк.пхъэ вакъэ деревянные башмаки, сабо/ Пхъэм къыхэщIыкIа вакъэ.* Дэшхуейуэрэ си пхъэ вакъитIым сынырокIуэ мыгъуэри сыныроплъэ. Къэб. п. и ант.пхъэ гуахъуэ деревянные вилы/ ЖьитI зыгуэт пхъэ дыкъуакъуэм къыхэщIыкIа гуахъуэ.Пхъэ гуахъуэр мэкъум хэIун.пхъэ дакъэ 1. кусок бревна/ КIэщIу зэпыха, зэпыуда пхъэ гъум.* Сэ си щIакIуэ щIагъым пхъэ дакъэ ин щIэслъхьащ. Къэб. таур.2. пень/ Жыгыр паупщIа нэужь щIым къыхэнэ лъабжьэ.пхъэ дакъэжь 1. обрубок дерева/ Пхъэ гъум кIэщI.* Лъэныкъуабэ зищIауэ Вильяминовыр гуанабэ пхъэ дакъэжьым тест. Ш. А.2. см. пхъэ дакъэ 2.пхъэ закъуэ лъэмыж мост из одного бревна/ Лъэсхэр зэрызекIуэ лъэмыж бгъузэ дыдэ.* Уфафэу пхъэ закъуэ лъэмыжымкIэ икIын хуей хъуащ. Хъу. и таур.пхъэ кумылэ сердцевина ( дерева)/ Пхъэм ику дыдэ, нэхъ и щабапIэ дыдэ.пхъэ къутапIэ 1. чурбан, на котором колют дрова/ Пхъэ щакъутэкIэ зытраубыдэ пхъэ дакъэ; теIущIыкIыпIэ.* Пхъэ къутапIэмкIэ зигъазэри {ПIытIу} пхъэ зыкъутэ щIалэм еджащ. Ж. Б.2. место во дворе, где рубят дрова/ Пхъэ щакъутэу пщIантIэм иIэ щIыпIэ.Пхъэ къутапIэр пхъэнкIын.пхъэ къутахуэ см. къуэщIий.пхъэ лъакъуэ протез ноги/ Лъакъуэ зыпымытыжхэр иризекIуэу Iэпкълъэпкъым щымыщ пкъыгъуэ.пхъэ пэгун бадья, бадейка/ Пхъэм къыхэщIыкIа пэгун.пхъэ пшынэ балалайка/ ШыкIэпшынэ теплъэ зиIэу IэпэхэмкIэ пшынэбзэм еуэурэ макъамэр къызэрырагъэкIыр.* СолIапэ жызоIэри си пхъэ пшынэр согъаджэ. фольк.пхъэ тыкъыр см. пхъэ дакъэ 1.* Хъуэжэ зы пхъэ тыкъыр иIэти къэпым ирилъхьэри къихьащ. Хъу. и таур.пхъэ хъурей кругляк (нераспиленный лес, как материал)/ Пхъэ зэгуэмыха.Пхъэ хъурейхэр пхъэзэгуэхым шэн./ Фэндыращхьэ, бочкащхьэ сыт хуэдэхэр зэрагъэбыдэ пхъэ тыкъыр.пхъэ цIыцI см. пхъэ хъурей.пхъэ Iунэ деревянные гвозди/ Пхъэм къыхэщIыкIа Iунэ.Пхъэ Iунэ щIын. Пхъэ Iунэ етын. -
2 кIэнцIыкъ
пхъэ хъурей цIыкIухэм щыриджэгукIэ, ахэр гъуэм зэрыраху башхэр
биты городошные (палки) -
3 цыикуэ
цы Iуданэ хъурей зэтрашыхьам и кIапэр езым зэрыхаIуж пхъэ хъурей кIэщI цIыкIу
короткая круглая палочка, которой конец шерстяной пряжи вправляют внутрь мотка -
4 пхъэбгъу
доска (плоский кусок дерева, выпиленный из бревна)/ Пхъэ хъурей зэгуахыу къыхах пхъэ пIащIэ кIыхьы.* Пхъэбгъу Iув. -
5 ужьгъащхьэ
верхний ( деревянный) жёрнов просорушки/ Ужьгъэм текIэрэхъухьу и щIыIу телъ щхьэл мывэм хуэдэу пхъэ хъурей ин.Ужьгъащхьэ хэхын. -
6 цеящэбаш
-
7 цыикуэ
деревянный инструмент, с помощью которого всовывают конец шерстяной нитки внутрь мотка/ Цы яшыхьам кIапэр зэрыкIуэцIакуэж пхъэ хъурей кIэщI.Цыикуэр гъэIэкIуэлъэкIуэн. -
8 цыкIуэкIыщхьэ
деревянная головка веретена/ Цы щаджкIэ цыкIуэкIыр зэхуэдэу кIэрэхъуэн папщIэ и щхьэм фIалъхьэ пхъэ хъурей пIащIэ.ЦыкIуэкIыщхьэр фIэхун. -
9 щхьэлнэIус
втулка в центральном отверстии нижнего жернова/ ИщIагъ щIэлъ щхьэмывэм и щхьэлынэм IугъэтIысхьа пхъэ хъурей кIэщI. -
10 цIыб
фэндырэ сытхэм ярытыр къимыжыну IуаукIэ пхъэ хъурей
пробка, затычка -
11 шашкэ
1. шашки ( игра)/ Пхъэ, къупщхьэ хъурей цIыкIухэмкIэ клеткэ-клеткэурэ гуэша пхъэбгъум зэрыщыджэгу джэгукIэ.2. шашка ( игральная)/ Шашкэ зэрыджэгу пхъэ, къупщхьэ хъурей цIыкIухэр.Шащхьэр къытелъэщIыкIын.Шашкэ джэгун играть в шашки. -
12 пщыIэ
1. шалаш/ Губгъуэхэм щащI псэупIэу, пхъэ зэупсея, мэкъукIэ зэщIэбгъэжа.2. временное жилище (напр. чабанов)/ Iэщыхъуэхэм, губгъуэм щылажьэ цIыхухэм я псэупIэ.Мэлыхъуэ пщыIэ.пщыIэ хъурей круглый шалаш/ Хъурейуэ щIа пщыIэ. -
13 баштес
набалдашник/ Башым и щхьэм фIагъэтIысхьэ пхъэ е къупщхьэ хъурей.Къупщхьэ баштес. -
14 гупхъэтIэкIу
ступица/ Гу шэрхъым щыщу гудзэ дакъэхэр зыхаукIэ пхъэ къэгъэжыхьа хъурей.* {Андемыркъан} шы бгъуэщIым зредзэ, - и сагъындакъыр зэIудзагъэххэт, - я гупхъэтIэкIумрэ я гулъэмыжымрэ зэтреIулIэ. Къэб. п. и ант.гупхъэтIэкIу дакъэ утолщенная часть ступицы/ ГупхъэтIэкIум и кIапэ нэхъ гъумыр.гупхъэтIэкIу пащIэ носовая (более тонкая) часть ступицы/ ГупхъэтIэкIум и кIапэ нэхъ псыгъуэр.ГупхъэтIэкIу пащIэр зэгуэмычын папщIэ, уэрдыхъу фIалъхьэ.гупхъэтIэкIу уэрдыхъу металлическое кольцо, надеваемое на ступицу/ ГупхъэтIэкIур зэгуэмычын папщIэ, абы щаукIэ уэрдыхъу. -
15 цыкIуэкIыкI
стержень веретена/ Хъурей дахэу упса, пхъэ шэрхъыр зыфIалъхьэ баш кIыхь цIыкIу.